Дызэрыт илъэсым щIидза къудейуэ, Бахъсэн къикIри «Адыгэ псалъэм» зы тхыгъэ къэкIуащ. «Сыт Абыкъу лъэпкъым ди лажьэр?» – упщIэмкIэ къыщIидзэу Абыкъу Мухьэмэд иришэжьа хъыбарыр щхьэусыгъуэ хуэхъуащ абы и унэм деблагъэу ар къызыхэкIа лъэпкъым и къежьапIэмрэ и къекIуэкIыкIамрэ зыхэдгъэгъуэзэныр. Зым дылъэIэсмэ, къанэр зэрынэхъыбэр тлъагъури, Абыкъухэ я тхыдэр зэфIэгъэувэжыныр газет тхыгъэкIэ зэрызэфIэмыкIынур къыдгурыIуащ. ИтIани мы унэцIэм адыгэм и тхыдэ ухэзыгъаплъэм и ныбжьу къытенар апхуэдизкIэ IупщIщи, ди псалъэухахэм я нэхъыбэр упщIэ нагъыщэкIэ иухми, къэдгъуэта тIэкIур фи пащхьэ ныдолъхьэ, тхыдэтххэм я къалэмыпэр нэхъ жыджэр ищIыну дыщыгугъыу.
Хъумэрэн – Абыкъухьэблэжь – Первомайское
АБЫКЪУХЭ «дыжьыныгъуэкIэ» зэджэ, абазэхэм къахэкIа уэркъ лъэпкъщ. «Абыкъу» псалъэм абазэбзэкIэ «бгы» къикIыу аращ. Я лъэпкъ дамыгъэр «т» хьэрфыр хъурейуэ къэтхъыхьауэ къагъэлъагъуэ. Лъэпкъым и къуэпсыр Абхъазым къыщожьэ. Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ щIэныгъэ лэжьакIуэ Темыр Рае зэрыжиIэмкIэ, абазэхэр адыгэхэм къазэрыхыхьа гъуэгур картэжьхэм IупщIу щыболъагъу. Кавказ къуршхэм я адрыщI лъэныкъуэмкIэ щыпсэу абхъазхэм къахэкIри, иужьрей илъэс зыбгъупщIым куэд дыдэрэ зэхэтх, АбхъазыщIым щыщ Къэдэр псыхъуэ (Кодорское ущелье) жыхуаIэм къыщежьащ ахэр. Кълыш псыр къызэпаупщIа нэужь, ахэр Теберда псыхъуэм нэс къэкIуащ, къуажэ куэдуи абдежым щысащ. Абы лъандэрэ абазэмрэ абхъазымрэ Тебердар я зэхэкIыпIэу ябж. Нобэ зи гугъу тщIы Абыкъухи Жантемырокъуэ абазэпщым и дамэм щIэта дыжьыныгъуэ лIакъуэм щыщщ. Къэрэшей-Шэрджэсым Первомайское цIэр зрихьэу ит къуажэм адыгэбзэкIэ зэреджэр Хъумэрэнщ, ауэ Абыкъухьэблэжьыр цIэ лейуэ иIэщ. Къуажэм и тхыдэм щыгъуазэхэм зыжьэу зэрыжаIэмкIэ, нобэрей Хъумэрэн жылэм и лъабжьэр зыгъэтIылъар Абыкъухэщ.
Хумара и Первомайское это разные аулы Абуковых – прим. Zolka.ru
Дапщэщ Абыкъухьэблэжьыр къыщыунэхуар?
УПЩIЭМ и жэуапу хуэбгъэфащэ хъуну еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ. Хъумэрэн и тхыдэр зыдж Темыр Хьэжы-Мусэ зэрыжиIэмкIэ, къуажэм и цIэр пасэ зэманым къыщожьэ, алыджхэм я тхыгъэжьхэм нэгъунэ ущрихьэлIэу. Ауэ АбыкъухьэблэжькIэ зэджэм дэсхэм я гугъу пщIымэ, ар Псыхуабэ и Iэшэлъашэр зыIыгъа къэбэрдеипщхэм я гъусэу ХVIII лIэщIыгъуэм икухэм къежьэри къэкIуатэурэ къэIэпхъуащ: япэщIыкIэ Кубрань, иужькIэ Хъумэрэн. 1862 гъэм ирихьэлIэу жылэр Хъумэрэн дэзэгъауэ жыпIэ хъунущ.
Хъумэрэн Абыкъухьэблэжь щыхъуа илъэсыр Темыр Рае и къэхутэныгъэхэми гъэщIэгъуэну къыхощ. Абы къехь илъэсищэм щIигъуауэ къуажэм дэса Темыр ТIатIу и псалъэхэр: «Сэ Кубрань сыкъыдэкIыу Хъумэрэн сыкъыщыIэпхъуам илъэсибгъу сыхъурт». ТIатIу и ныбжьым тещIыхьауэ, хуагъэфащэ абы зи гугъу ищIыр 1864 гъэрауэ.
Хъумэрэн щыщ, КъШР-м къэрал къулыкъу зехьэнымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Беслъэней Умар езыр къызытехъукIа Беслъэней Абат цIэрыIуэм и тхыдэм щIэджыкI пэтрэ, Абыкъухэ я блэкIами лъэIэсащ. 1825 гъэм Беслъэней Абат Константинополь кIуауэ щытыгъащ, адыгэхэм я Iуэхум теухуауэ тырку сулътIаным зыхуэзыгъэзэну гупым яхэту. Абы и гъусахэм икIи иужькIэ ныбжьэгъу къыхуэхъуахэм ящыщт Абыкъухьэблэжьым и лъабжьэр зыгъэтIылъа Абыкъу Алий.
1834 гъэм урыс пащтыхьым бгырыс щIалэ цIыкIухэм ящыщхэр кадет корпусхэм щрагъэджэну иригъэшауэ щытащ. Абыхэм яхэхуащ Беслъэней Абат и къуэ Алии. И адэр дунейм ехыжа нэужь, Алий еджэныр зэпигъэури, 1837 гъэм Хэкум къэкIуэжащ икIи псэупIэу къыхихащ и адэм и ныбжьэгъуу щыта Абыкъу Алий и къуажэр. Ар щыхьэт тохъуэ 1837 гъэм Абыкъухьэблэжьым апхуэдэцIэ зэрихьэу зыщIыпIэ деж зэрыщысам.
Беслъэней Умар, КъШР-м къэрал къулыкъу зехьэнымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ:
– Хъумэрэн жылэр Псыхуабэ и Iэгъуэблагъэм деж илъэс 500-кIэ щысащ. Абы дэсахэм ящыщщ Абыкъухэ, Дзэмыхьхэ, Цагъэхэ, Джатэжьхэ, Дыгъужьхэ, н. 1725 гъэм а къуажэшхуэм дэсхэр Гум псыхъуэм Iэпхъуэри, Абыкъухьэблэжь (иджырей Первомайскэр) жыхуаIэр къэунэхуащ. Щхьэусыгъуэр – пащтыхьым и дзэм къызэрыхигъэзыхьыр арат. 1803 гъэм Абыкъу зэкъуэшхэм мылъкур щагуэшым зэбгъэдэкIын хуей хъури, Абыкъу Алий Псыжь и ижьырабгъу лъэныкъуэм, Маарэ псы цIыкIум деж тIысащ. АрщхьэкIэ псыр щIэх-щIэхыурэ къиурт, Iэщыр хэкIуадэрт, унэхэр къауэрти, 1825 гъэм Абыкъу Алий и къуажэр и гъусэу нобэ КубранкIэ зэджэ къутырым деж Iэпхъуащ.
Темыр Рае, щIэныгъэ лэжьакIуэ:
– Псыхуабэ зекIуэлIу къэкIуахэм языхэзым етхыж: «Боргъустан пэмыжыжьэу щыс Абыкъу-хьэжым сригъэблэгъати, сызэрыкIуа гъуэгур мыращ, Iэнэу къиIэтар мыращ» – жеIэри, джэдшыпс, хьэлывэ хуэдэ адыгэ шхынхэр къребжэкI. Зыр трахмэ, зыр къытригъэувэу хуабжьу сигъэхьэщIащ, мыпхуэдизкIэ гъуэгум дытетащ, къэдгъэзэжри Псыхуабэ мыпхуэдэ сыхьэтым сыкъэсыжащ, жиIэу димыгъэхуIауэ щы-тепсэлъыхькIэ, къуажэр зэрыиныр, жылэм я Iэтащхьэ Абыкъум и унафэр ялъытэрэ пщIэ иIэу зэрахэтыр къегъэлъагъуэ. Сыт хуэдэ архивми, сыт хуэдэ картэжьми, зекIуэлIхэм ятхыжа тхылъхэми сыхэмыплъыхьами, Абыкъухэ я лъапсэ дыдэу, я къежьапIэу, я псэупIэу щытар Гум псыхъуэращ. Абыкъухьэблэжь жыхуаIэр куэдрэ къамыгъэсэбэпыж псалъэхэм ящыщщ, нобэрей «Первомайское» жыхуаIэращ. Аращ Абыкъухэ я лъапсэр къыщежьэр. Зауэр къекIуэлIауэ Псыхуабэр нэщI къащIын я гугъэу Гум псыхъуэ дэс къуажэхэр къыщытрагъэкIым, адыгэ къуажи абазэ къуажи адэкIи мыдэкIи щагуэшым щыгъуэ, пащтыхьым и дзэм хэт IуэхущIэм етх: «Абыкъукъуажэр апхуэдэу игъэкIыгъуафIэу тхуигъэкIынкъым мы щIыпIэм. Сыту жыпIэмэ, Абыкъукъуажэр куэд щIауэ Гум псыхъуэм дэсщ».
АБЫКЪУХЭ я къуажэм щыщщ тхыдэм зи цIэ къыхэщ Къуэдзокъуэхэ я унагъуэри. Нэгумэ Шорэ, Хъан-Джэрий, Къаз-Джэрий сымэ я гъусэу Бытырбыху щыIа Кавказ бгырыс эскадрон ныкъуэм хэта Къуэдзокъуэ Мухьэмэд илъэс 20-кIэ дзэм къулыкъу щрихьэкIа нэужь, 1849 гъэм тIысыжащ. Дэфтэрхэм къызэрыхэщымкIэ, «ар Гум псыхъуэм дэс Абыкъухэ я къуажэм, езым и унэ щылIэжащ. А къуажэм лъапсэу дэтым я нэхъыбэр ХХ лIэщIыгъуэм и пэм Дзэлыкъуэпсым деж Абыкъухьэблэ цIэр яIэу Iэпхъуащ. Иджыпсту а къуажэм зэреджэр Дзэлыкъуэкъуажэщ. КъызыдэкIа жылэр Абыкъухьэблэжь цIэм къытенащ».
Гу зэрылъытэгъуафIэщи, Абыкъухэ я унэцIэр зрихьэу къуажэ зыбжанэ щыIам и мызакъуэу, езы жылэм мызэ-мытIэу и псэупIэр ихъуэжащ. УрысыбзэкIэ Абыкъу къуажэхэм зэм «Абуковское», зэм «Абуково» хужаIэ, ауэ зи гугъу ящIхэр дэтхэнэрами къуажэхэр зыIус псыцIэхэм къыхощ. Абы щыхьэт тохъуэ пащтыхьым и дзэм мымащIэу хэта Абыкъу лъэпкъым щыщ щIалэхэм я гъащIэ гъуэгум епха дэфтэрхэр.
«Абыкъу Мухьэмэд (1820 – 1873), подпоручикщ, абазэхэм къахэкIа къэбэрдей дыжьыныгъуэщ, беслъэн-уэркъщ. 1838 гъэ лъандэрэ урысхэм я зекIуэхэм хэтщ. «1846 гъэм Щамил Iимамыр Къэбэрдейм къыщыкIуам зэрыпэщIэтам папщIэ» подпоручик ящIащ. Эшкаконрэ Подкумок псымрэ я зэхуакум дэт, лъапсэ 14 хъу Абыкъухэ я къуажэм щыпсэуащ. 1865 гъэм Къэбэрдейм ягъэIэпхъуащ, 1870 гъэм Абыкъухэ я къуажэщIэм щыпсэуащ. И къуэхэр: СулътIан-Бэч, Исмэхьил, Мэтджэрий, МытIэ, Тембот, Лэкъумэн, Мусэ, Джэмалдин, ТаусулътIан, Хьэмид».
«Абыкъу ХьэтIохъущыкъуэ Мусэ и къуэр (1790 – 1852), подполковникщ. Абазэхэм къахэкIа къэбэрдей уэркъхэм ящыщщ. 1822 гъэ лъандэрэ «унафэм къыщIэувэн зымыдэ бгырысхэм» езауэ Ермолов Алексей и зекIуэхэм хэтщ. Дыщэ сыхьэт, «Зэрыхахуэм папщIэ» жиIэу зытедза Георгиевскэ лентIэр зытелъ дыщэ медаль къыхуагъэфэщащ. Станислав аущым и орден 3-нэ лъагагъ зиIэр къратащ. Бгырыс ополченэм хэту «1846 гъэм Щамил Iимамыр Къэбэрдейм къыщыкIуам лIыгъэкIэ къызэрыхэщам щхьэкIэ» майор ящIащ. Псыжь областым Подкумок псыхъуэм дэс Абыкъухэ я къуажэм щыпсэуащ. Ислъам и цIэу къуэш иIэщ».
Тхыдэм узыхигъаплъэр гъэщIэгъуэнщ. Абыкъухьэблэм ихъумэ щэхухэм ящыщщ а къуажэм ищхьэкIэ къэкIуа дэфтэрхэм къыхэщ Щамил Iимам и къуэ Мухьэмэд-Шафихь увыIэпIэ зэрыщигъуэтар.
ЩакIуэ Мусэлий, журналист:
– Сыт хуэдэ жылагъуэми и кхъэлъахэм куэд къыбжеIэ. Куэдым ящIэ къыщIэкIынкъым Щамил и къуэ Мухьэмэд-Шафихь и дунейр щихъуэжым, ар адыгэкхъэм зэрыщыщIалъхьар. Мухьэмэд-Шафихь 1905 гъэм Нартсанэ зыщригъэIэзэну къэкIуауэ, абы дунейм щехыжри, мы Iэгъуэблагъэм муслъымэныкхъэ дэнэ деж щыIэ жаIэри, щIэупщIауэ щытащ абы ирихьэлIахэр. Абыкъухьэблэ а щIыпIэм пэмыжыжьэу къыщIэкIри, абдеж щыщIалъхьауэ щытащ щIалэр. И кхъащхьэр нобэми хэкIуэдэжакъым. Ар хъума щыхъум, 1998 гъэм Мухьэмэд-Шафихь щыпсэуа къуажэм щыщхэм къабгъэдэкIыу мывэ екIум къыхэщIыкIауэ сын ягъэуври, кхъэлэгъуни щхьэщагъэувэжащ. Сыным и гупэм Мухьэмэд-Шафихь и сурэт хэщIыхьащ. И щIыIум «Мухьэмэд-Шафихь, 1838 – 1905 гъэхэр. Щамил Iимамым и къуэ. Дагъыстэным щыщ Гимры къуажэдэсхэм къабгъэдэкIыу, 1998 гъэ» жиIэу тетщ. КъызэрыщIэкIымкIэ, щIыпIэ куэдым щызэбгрыдза хъуами, Дзэлыкъуэкъуажэри абыхэм я жылэщIэу ябж пэтми, Псыхуабэ Iэгъуэблагъэр Абыкъухэ я хэкущ, лъэпкъым и Iэпхъуэшэпхъуэнри а зэманым республикэ зыбжанэу гуэшауэ щымыта адыгэщIым, Псыхуабэ ихъуреягъкIэ щекIуэкIауэ жыпIэ хъунущ.
Абыкъу Нурхьэба, налшыкдэс (Псыхъурей щыщщ):
Къэбэрдейм къэсын ипэкIэ Абыкъухьэблэр Гумкъалэ (Георгиевск) пэмыжыжьэу, Незлобнэ станицэм деж щысащ. Си адэшхуэм и адэр Незлобнэм къыщалъхуащ, и цIэр Зомэт. 1812 гъэм урыс-франджы зауэр иухыу Кавказыр Ермолов Алексей и унафэм щыщIэувэм, япэ дыдэ игъэса адыгэ къуажэхэм ящыщщ Незлобнэр. Абы къикIри, Псыхъурей (Лафыщхьэблэ) деж къэтIысахэщ. А зэманым гъунапкъэ доухуэ жаIэри, адыгэ жылэ къэс урыс къуажэ къыбгъурагъэтIысхьащ, «хъумакIуэ посткIэ» еджэу: Малкэ (Хьэжыхьэблэ) и гъунэгъуу Прогрессыр къигъэтIысащ. ЕIэбыхри, Куба къыпэщысу Марьинскэр. АдэкIэ Iэбэри, Лафыщхьэблэ къыбгъурысу, Старопавловкэ, тIэкIу кIуатэри, Курпскэм и пащхьэм – Павлодарскэ къуажэр, ар иджыпсту щыIэжкъым. ЕкIуэтэхри, Къэрэгъэшым Солдатскэр бгъэдагъэтIысхьащ. Абы щыгъуэм ди адэжьхэр Абыкъухьэблэжьым (Первомайскэм) къикIри, Гумкъалэ деж Незлобнэ къуажэм къэтIысауэ арат. Аращ ди къуажэм дэсым я нэхъыбэр къыздикIар.
Село Незлобное основано на р. Золка в 1782-1787 гг. 9 июня 1828 года селение было почти полностью сожжено черкесами. В 1861-1862 гг. жители Незлобной переселены на р. Подкумок на место упраздненной ст. Бабуковской. – прим. Zolka.ru
Абыкъухьэблэ – Дзэлыкъуэкъуажэ
«АБЫКЪУ лъэпкъым щыщ псори зэкъуэшищым къатекIауэ ябж, – къыджиIащ Абыкъу Нурхьэба. – А зэкъуэшищым я цIэхэр тхыдэм къыхэнащ. 1825 гъэм къыхатхыкIахэм тепщIыхьмэ, «ХьэтIохъущокъуэ Мысост и къуажэм дэсахэм яхэтщ илъэс 63 ныбжьым ит, Абыкъухэ я нэхъыжьу зыхуэбгъэфащэ хъуну Абыкъу Хьэжы-Сулеймэн. Сулеймэн къуэш нэхъыщIитI иIэт. Зыр – илъэс 55 ныбжьым ит Мусэщ. НэхъыщIэр илъэс плIыщIым итщ, «Гусын» и цIэу ятхащ, ауэ Хъусен цIэм нэхъ пэгъунэгъущ.
Хьэжы-Сулеймэн къуищ иIэщ: Ислъам (илъэс 35-рэ) Ахьмэд (15), Алий (4).
Мусэ зы къуэ иIэщ: ХьэтIохъущыкъуэ, илъэс 31-рэ мэхъу, абы илъэсихым иту щIалэ иIэжщ, Пщымахуэ и цIэу.
Хъусен и къуэхэр: Адэлджэрий (8), Мухьэмэд (6), Къады (4)».
Урыс пащтыхьыгъуэм зэрыхуэлажьэм щхьэкIэ, Абыкъу ХьэтIохъущыкъуэ Мусэ и къуэм Шэджэм псыежэхым бгъурыту 1839 гъэм щIы къратауэ щытащ, ХьэтIохъущокъуэхэ я къуажэм хыхьэу.
1842 гъэм Абыкъухьэблэр Бахъсэныпсым Iуст, Бахъсэн быдапIэм ищхъэрэкIэ. А гъэ дыдэм Абыкъу ХьэтIохъущыкъуэ Голицын пщым йолъэIу Бахъсэнрэ Шэджэмрэ я зэхуаку дэлъ щIыхэр, урысхэм емызэгъыу Псыжь адрыщI Iэпхъуэжа Ашэбей уэркъым ейуэ щытахэр, къратыну, ауэ къыхуадэркъым.
1846 гъэм Абыкъум аргуэру лъэIу тхылъ щIелъхьэ Боргъустан тафэмрэ Хьэгъундокъуэ постымрэ (Нарт-санэ пэгъунэгъуу) я зэхуаку дэлъ щIыр къратыну. Абы и лъэIум и хьэтыр ялъэгъуащ, Урысейм зэрыхуэлэжьам щхьэкIэ и щIыхуэ ятелъу къалъытэри, Iэпхъуэнхэуи хуит ящIащ.
1870 гъэм абыкъухьэблэдэсхэм Гумкъалэ (Георгиевск) куейм и унафэщIым лъэIу тхылъ иратащ Эшкакон псымрэ Абыкъу участокымрэ деж щылъ щIыхэр къратыну. 1870 гъэм мазаем и 26-м, Абыкъу уэркъхэм я лъэIум хэплъэри, зэгурыIуащ: «Абыкъухэ зыщIэлъэIу щIыр къуакIэбгыкIэщ, пащтыхьыгъуэр апхуэдэу хуэныкъуэкъым, езы Абыкъухэ абдеж щыпсэуащи, къызэрагъэсэбэпынур ящIэ». Абы къыхэкIыу унафэ ящIащ ят хабзэ метрипщI зэбгъузэнатIэ 250-м фIыуэ щIигъу щIы Абыкъухэ иратыну, арщхьэкIэ куейм и тетым и унафэр Тэрч областым и Iэтащхьэм икъутэжащ, лъэIуми и хьэтыр илъэгъуакъым.
1904 гъэм абыкъухьэблэдэсхэм, дауэ ямыщIми, ягъэIэпхъуэну хуит зыкърагъэщIащ, ауэ здагъэкIуар зыри щамыгъэтIыс Дзэлыкъуэпсымрэ ЯтIэкъуэрэ я псыхъуэхэрат.
ИщхьэкIэ къакIуэ дэфтэрхэм къызэрыхэщымкIэ, Абыкъухьэблэжь – Хъумэрэн и лъабжьэр зыгъэтIылъар Абыкъу Алийщ. Абыкъухьэблэ – Дзэлыкъуэкъуажэ и къежьапIэр зэпхар Абыкъу ХьэтIохъущыкъуэ Мусэ и къуэращ.
Тхыдэм къыхэнащ Абыкъухьэблэм Дзэлыкъуэкъуажэ цIэр зригъуэта щIыкIэри – Совет властыр нэхъ лъэщ хъууэ и унафэм зригъэубгъун щыщIидзам, «пщыжь-уэркъыжьхэм» я унэцIэ зезыхьэ къуажэцIэхэр яхъуэжырт.
«Накъыгъэм и 14, 1920 гъэ.
Дэ, мыбдежым Iэ щIэзыдзахэр, Абыкъу (Абуково) къуажэм, Налшык куейм, Тэрч областым хыхьэм щыпсэухэр, цIыхуи 125-рэ дыхъуу, къуажэ ревкомым и унафэщI Куэт Инал нобэ дыщызэхуишэса зэIущIэм дыщедэIуащ Налшык куейм революцэмкIэ и комитетым и унафэм, №1251-м щIэту мы гъэм накъыгъэм и 3-м къыдэкIам, пщы-уэркъхэм я цIэхэр зезыхьэ къуажэхэм зэреджэр хъуэжын хуейуэ къэзылъытэм. Псори арэзы дытехъуащ нобэ щыщIэдзауэ ди къуажэм «Дзэлыкъуэ-къуажэкIэ» деджэным. Iэ щIадзыну ревкомым хэтхэм я пщэ дыдолъхьэ.
Ревкомым и унафэщI Куэт Инал».
Аращ Iуэхур езышэжьа Абыкъу Мухьэмэд и тхыгъэм щыщIэхъума гукъеуэри:
«Иужьрей зэманым куэдрэ зэхыбох: «Дэнэ укIуэрэ?» «Къармэхьэблэ». Дэнэ ущыIа? «Къэсейхьэблэ». Ауэ зыми игу къэкIыжыркъым Абыкъухьэблэ. Ар нобэрей Дзэлыкъуэ къуажэрщ. Иджырей зэманым къуажэ куэдым фIащыжащ япэм къуажэхэм зэреджэу щыта цIэхэр. Абыхэм ящыщщ ХьэтIохъущыкъуей, Анзорей, Хьэтуей, Дыгулыбгъуей къуажэхэр. АтIэ Абыкъухэ я лажьэр сыт? Дзэлыкъуэ къуажэм япэ иIа цIэр фIэдвгъэщыж, жиIэу сыту зыми игу къэмыкIрэ? Пэжщ, мыпхуэдэу жаIэнкIэ хъунщ: Дзэлыкъуэ къуажэм, уеблэмэ щIыналъэм, Абыкъу унэцIэр зезыхьэ искъым жаIэу. Ар пэжкъым. Абыкъу Аслъэн дэсщ Дзэлыкъуэ къуажэм. Щопсэу ЯтIэкъуэ къуажэм Абыкъу Замир. Куэдым ящIэркъым Дзэлыкъуэ къуажэ дэс ТIэмашэхэ Абыкъу лъэпкъым зэрыщыщыр. Лъэпкъыр щагъэкIуэдым, Абыкъу ТIэмашэ лIыжь губзыгъэти, и цIэр унэцIэу къищтэжащ. Дзэлыкъуэ куейм хыхьэ Къармэхьэблэ щопсэу КIуащхэрэ Кхъуэщэхэрэ. Ахэри Абыкъущ.
ЩэкIуэгъуэм и 5-м 2011 гъэм Къармэхьэблэ щекIуэкIащ шыгъажэ ин. Ар Абыкъу (Кхъуэщэ) Мухьэмэд къызэригъэпэщат и адэ Мусэбий и фэеплъу. Мусэбий зэрыцIыкIу лъандэрэ зрихьар Кхъуэщэ унэцIэрщ, ауэ пенсэ кIуа нэужь Абыкъу унэцIэр къищтэжауэ щытащ. Шыгъажэм и хъыбар щызэхэтхым, дэри Бахъсэн дикIри цIыхуий дыхъуу дыкIуат. Шыгъажэр Шэнт Хъурей деж щекIуэкIыну арати, гугъу дыдемыхьу къэдгъуэтащ. ИкъукIэ цIыху куэд кърихьэлIат а махуэм. Дэ Мухьэмэд тцIыхуртэкъым, ауэ къыдбгъэдыхьэу сэлам къыщыдихым дыкъыщIэкIуари дыкъыздикIари гурыдгъэIуащ. ЖетIащ Абыкъухэ дазэрыщыщыр, и гуфIэгъуэр дэтIыгъыну, зэдгъэцIыхуну дызэрыкIуар. Ар щызэхихым, Мухьэмэдым и нэпс къекIуахэр ирилъэщIэкIыурэ: «Нобэ си адэм фыкъилъэгъуамэ, дуней насып нэхърэ нэхъ къищтэнт. Абыкъу унэцIэр зезыхьэ цIыху илъагъуну и нэр къыхуикIыу дунейм ехыжащ», – жиIащ. АтIэ хэт и деж къыщынэр къуажэм и цIэр фIащыжыныр? Лъэпкъыр мащIэщ жаIэу ара? Ари пэжынущ, ауэ Къармэхьэблэ дэс КIуащхи, Кхъуэщэхи, ТIэмашэхи, Шэрэдж Ищхъэрэмрэ Арщыданрэ дэс КIуащхи хэхи-хэлъхьи щымыIэу Абыкъухэщ. Лъэпкъыр щагъэ-кIуэдым Дагъыстэным Iэпхъуэжауэ Абыкъу куэд щопсэу. Мыпхуэдэу жаIэу куэдрэ срихьэлIащ: «Зы абыкъушрэ зы аркъэнрэ уиIэмэ – уунагъуэщ». Лъэпкъыр щагъэкIуэдым абыхэм я гъусэу шы лъэпкъри дэкIуэдащ».
Ди жагъуэ зэрыхъущи, абыкъуш лъэпкъыр зэрыщыIам и хъыбар фIэкIа, ар зыхуэдэу щытам, адрей адыгэшхэм къазэрыщхьэщыкIыр къыджезыIэн псэлъэгъуи абы теухуа тхыгъи дгъуэтакъым.
Хэкум икIа Абыкъухэм я гугъу пщIымэ, ахэр къуэпс куэду зэхокI. Абыкъухэ Iэпхъуа къудей мыхъуу, зыхыхьа лъэпкъхэм яхэшыпсыхьыпаи зэрыадыгэр ящIэжу хэхэсу къэнаи яхэтщ. Нобэ дызыщыгъуазэм тепщIыхьмэ, Абыкъухэ Азербайджанми, Дагъыстэнми, Къэзахъстанми, Башкортостанми, Туркменистанми, Тыркуми щыIэщ.
Мухьэмэд и тхыгъэм гу лъытэн хуейуэ зы псалъэ хэтщ: «Лъэпкъыр щагъэкIуэдым щыгъуэ». Сыт Абыкъу лъэпкъыр щIагъэкIуэдар? А упщIэм зы жэуап фIэкIа имыIамэ, тыншт. Сыту жыпIэмэ, Абыкъухэ зы лъэхъэнэкъым зэрагъэкIуэдар. Абы и щхьэусыгъуэри куэду зэхокI…
Абыкъу Исхьэкъ
ТХЫДЭМ ухэплъэмэ, япэ дыдэу Абыкъухэ ящыщу зи цIэ къыхэщыр Нэгумэ Шорэ и «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм» ихуа Абыкъу Исхьэкъщ. «ХьэтIохъущокъуэ Адэлджэрийрэ ефэнды Абыкъу Исхьэкърэ шэрихьэтыр къэбэрдей лъэпкъым халъхьащ», – етх Нэгумэ Шорэ.
Абыкъу Исхьэкъ нэхъыфIыжу къыдегъэцIыху Къэжэр Валерэ и IэдакъэщIэкIыу «Адыгэ щIэнгъуазэм» ит тхыгъэм:
«ЦIыхухэм я гупсысэкIэр зэрыщыту яхъуэжын щыщIадза шэрихьэт къызэщIэхъееныгъэм и зэманым иджыри къэс щымыIа жылагъуэ лэжьакIуэ лIэужьыгъуэ – дин узэщIакIуэхэр – утыку къихьащ. Абыхэм ящыщщ ХьэтIохъущокъуэ Адэлджэрий пщымрэ уэркъ къабзэм къахэкIа Абыкъу Исхьэкърэ. 1808 гъэм Дельпоццо генерал-майорым Абыкъум теухуауэ пащтыхьым хуетх:
«Исхьэкъ-ефэндыр тхьэшынагъыр зи щIагъщIэлъ нэмыс лъагэ дыдэкIэ цIыхухэр зришэлIэну хэтт. Ар абы егъэлеяуэ фIыуэ къехъулIэри, зэман щIагъуэ дэмыкIыу къэбэрдей адыгэхэр зэрылъэпкъыу муслъымэн хабзэм иригъэувэфащ. Иджы илъэс плIыщIым зи ныбжьыр нэса уэркъхэм тэтэрыбзэ зрагъащIэ, КъурIэныр къагурыIуэн папщIэ! Абы зыхуэпэкIэ нэгъунэ яригъэхъуэжын хузэфIэкIащ: япэм ящыгъыу щыта цей кIэщIым и пIэкIэ иджы цей кIыхьхэр щатIагъэ. Я пыIэхэм сарыкъ ирашэкIащ, жьакIэ ягъэкI. Шагъыр гуащIэ ирафыжыркъым, тутын ефэжхэркъым икIи епэмыжхэркъым, муслъымэным и IэкIэ фIимыгъэжа зы Iэщи зыIуалъхьэжыркъым… Къэбэрдей адыгэхэм апхуэдизу фIыуэ дыкъамылъагъур пэжмэ, псори зэлъытар мы ефэндым абыхэм ягу ирилъхьэращ».
Абыкъу Исхьэкъ Къэбэрдейм емынэ узыр къащыхыхьа зэманым, 1807 гъэм, дунейм ехыжауэ щытащ.
Пащтыхь дэфтэрхэм зи цIэ къыхэщ Абыкъу Мухьэмэд 1825 гъэм цIыхухэр зэрабжам къызэрыщыгъэлъэгъуар Хьэжы-Сулеймэн и къуэш Хъусен (Гусын) и къуэущ. Ар илъэсих хъурт, къыщалъхуауэ итри 1820 гъэращ. Мухьэмэд-подпоручикым къуипщI иIэщ: СулътIан-Бэч, Исмэхьил, Мэтджэрий, МытIэ, Тембот, Лэкъумэн, Мусэ, Джэмалдин, ТаусулътIан, Хьэмид. Дэтхэнэ зыми и лъэужьыр къытхуэмыубыдми, ди иджырейм къэса Абыкъу гуэрхэм я къуэпсхэр абыхэм щалъэIэсыж къохъу.
Абыкъу Лэкъумэнрэ абы и бынхэмрэ
ИЛЪЭС зыбжанэ и пэкIэ «Кабардино-Балкарская правда» газетым (2008 гъэм шыщхьэIум и 10-м), Габуевэ Аннэ и тхыгъэ тетащ Мэзкуу университетыр къэзыухыу дохутыру лэжьа, ди лъэпкъэгъу цIэрыIуэ Жагъыщэ Кургъуокъуэ теухуауэ. А тхыгъэм къызэрыхэщымкIэ, Абыкъу Лэкъумэн ипхъу Таужан Кургъуокъуэ и щхьэгъусэу щытащ. А хъыбарыр къыбгъэдокI КъБКъУ-м урысыбзэмрэ бзэщIэныгъэмкIэ и кафедрэм и доцент Ризаевэ Зарэ Мухьэмэд и пхъум:
– Хэку зауэшхуэм и пэкIэ ди унагъуэр Дагъыстэн къиIэпхъукIри, Кисловодск (Нартсанэ) къэIэпхъуат, – жеIэж Зарэ. – Ди гъунэгъуу Жагъыщэхэ Кургъуокъуэрэ абы и щхьэгъусэ Таужанрэ (Абыкъухэ япхъущ) щыпсэурт, я къуэхэу Темырболэтрэ Мухьэмэдрэ ящIыгъуу. Адыгэ унагъуэу Кисловодск дэсыр мащIэ дыдэти, ди адэ-анэр Жагъыщэхэ щIэхыу нэIуасэ яхуэхъуащ.
– Ар щыпкъагъэ зэрылъ унагъуэт, – къыпещэ хъыбарым Ризаев Рашид. – Абыкъу Таужан и сурэтхэр мамэ къригъэлъагъурт. Абыхэм языхэзым езым Калининыр къыбгъурыту Кремлым щытраха сурэт хэтт. Кургъуокъуэ 1949 гъэм дунейм ехыжащ. Иджыпсту Кисловодск абы и унэжьыр дэтщ, и къуэрылъху Софье щIэсу. Налшык щопсэу абы и къуэрылъху дыдэ Жагъыщэ СулътIанбэч.
2009 гъэм мэкъуауэгъуэм и 23-м «Адыгэ псалъэм» Алътуд Мусэ и IэдакъэщIэкIыу «Абыкъу Батырбэч: хэт хъуну ар?» и цIэу тхыгъэ тетащ, зи гугъу ищI щIалэр къыдигъэцIыхуу. 2011 гъэм «Дэфтэр хъумапIэхэмрэ жылагъуэмрэ» журналым къытехуа тхыгъэм езы Батырбэчи нэхъыфIу къуегъэцIыху, и унагъуэм теухуауэ щыIэ хъыбар кIапэлъапэхэри зэрегъэубыдыж.
КъызэрыщIэкIымкIэ, Жагъыщэ Кургъуокъуэ и щхьэгъусэ Таужанрэ Абыкъу Батырбэчрэ зы адэ-анэ къалъхуауэ зэдэлъхузэшыпхъухэт.
КъБР-м и Дэфтэр хъумапIэм и лъэIукIэ Башкортостаным къикIа тхыгъэхэм щыщщ:
«Абыкъу Батырбэч и гъащIэр къызэрекIуэкIам теухуауэ езым итхыжахэр (гъэкIэщIауэ)
1899 гъэм хуэщIауэ псэу къэбэрдей уэркъ унагъуэм сыкъыщалъхуащ. Си адэм Iэщ зрихуэу щытащ. Си анэр 1916 гъэм дунейм ехыжащ, си адэр – 1918 гъэм. 1916 гъэ пщIондэ Кисловодск гимназием сыщIэсащ. 1918 гъэм и бжьыхьэм Екатеринослав дэт бгы институтым сыщIэтIысхьащ. 1917 гъэм къэхъуа Февраль революцэм иужькIэ институтым щIэс студентхэм я исполкомым сыхагъэхьащ. 1917 гъэм мэкъуауэгъуэм Хэкум сыкIуэжри, Налшык Округым и ерыскъыхэкI Iуэхухэр зезыхуэ комитетым сыщылэжьащ, иужькIэ Iэщыр унагъуэхэм я деж къыщыщэхунымкIэ агенту сыщытащ. 1918 гъэм Кисловодск сыIэпхъуащ. Кисловодск Совдепым и Бгырыс лъэпкъ Советым жыджэру сыщылэжьащ. А советым и секретару сыщытащ. 1918 гъэм и щэкIуэгъуэм Тэрч республикэм ис лъэпкъхэм я съезду Владикавказ щекIуэкIам и лIыкIуэу сыхахащ.
Фронтым Iуэхухэр кIуэ пэтми нэхъ тIасхъэ щыхъурт. Хужьхэр Дзэ Плъыжьым къебгъэрыкIуэрт, тифым сэлэтхэр ирищIыкIырт. Къэзакъ станицэхэм зыкъаIэтат. Кисловодск къыщысцIыхуауэ, съездым хэтахэу Такоев Степанрэ слесарь Кузнецоврэ Владикавказ сыкъыщагъэлъагъуэри, большевик партым сыхыхьащ. А зэманым илъэс 19 сыхъурт. Абы иужькIэ куэд дэмыкIыу, 1918 гъэм и дыгъэгъазэм, фронтыр къызэрызэтекъутам щхьэкIэ партым дзэ зэхуишэсын щIидзащ. Сэ Кавказ Ищхъэрэр хъумэнымкIэ Япэ совет полкым сыхыхьэри, ЕсэнтIыгу деж зауэ IэнатIэм сыщыIуагъэуващ. Полкым и командирыр ныбжьэгъу Кофановт. Махуэ зыбжанэ дызэуауэ, ротэм и командирым и къуэдзэр яукIри, абы и пIэм срагъэуващ. ИужькIэ ротэм и командирыр яукIри, абы и пIэ срагъэуващ. 1919 гъэм Дзэ Плъыжьыр Астрэхъан лъэныкъуэкIэ икIуэтын щIидзащ. А икIуэтыгъуэм лэжьыгъэ зыбжанэ згъэзэщIащ, абыхэм ящыщщ сэлэтхэр щIэмыпхъуэжын папщIэ полкым и командирым и къуэдзэ къулыкъур. Астрэхъан губгъуэхэм тиф къыщызэуэлIащ. Ди унафэщIу щыта ныбжьэгъу Левандовскэм деж сыкIуащ, сыхъужа нэужь Колчак пэщIэт КъуэкIыпIэ фронтым сигъэкIуэну селъэIуу. Ныбжьэгъу Левандовскэм Астрэхъан сыкъигъэнащ, 34-нэ фочауэ дивизэм егъэбыдылIа бгырыс шууей часть зэдгъэуIун папщIэ. Кавказ Ищхъэрэм икIахэр хэту Бгырыс шууей дивизион къызэзгъэпэщащ.
А дивизионым и командиру 1919 гъэм и мэкъуауэгъуэм Красноярскэ зауэ IэнатIэм сагъэкIуащ. ФокIадэм уIэгъэ сыхъуащ. Сыхъужа нэужь Индыл-Каспий дзэ флотилием и унафэщI, ныбжьэгъу Раскольниковым и лъэIукIэ, езыр здэщыIэм садзащ. Морякхэм я 4-нэ десант гупым и унафэм сыщIэуващ. ИужькIэ ныбжьэгъу Кожанов И. К. зи унафэщI, морякхэм я десантнэ отряд псоми я военкому сагъэуващ. Баку къэубыдынымрэ Ленкоран уездыр муссават отрядхэм къыщыIэщIагъэкIыж Iуэхумрэ сыхэтащ. 1920 гъэм Хужьыдзэм и Каспий флоту Къэжэрым (Персием) и Энзели псыдэлъэдапIэм зыщызыгъэбыдар къыщаубыдым экспедиционнэ корпусым и унафэщIу сыхэтащ. Къэжэр Дзэ Плъыжьыр къызэзгъэпэщащ. А дзэм и Реввоенсоветым, Ираным и компартым и ЦК-м сыхэтащ. А зэман дыдэм, Серго Орджоникидзе къыхилъхьэри, Къэжэрым и коммунист партым и ЦК-м и Кавказ бюром и лIыкIуэу сагъэуващ. Курдхэм я партизан отрядым сыхэту инджылызхэмрэ Шанскэ тетыгъуэм и дзэмрэ сапэщIэту сызэуащ.
1920 гъэм и жэпуэгъуэм РКП(б)-м и ЦК-р къызэджэри, Иваново-Вознесенскэ губернэм сагъэкIуащ. Абы Текстиль къыщIэзыгъэкIхэм я зэгухьэныгъэм и президиумым сыхэту сыщылэжьащ. Ивановскэ губкомым и дзэ-политикэ лэжьакIуэу сызэрыщытым ипкъ иткIэ, Кронштадт зэщIэхъееныгъэр зэтегъэсабырэжыным сыхэтащ. 1921 гъэм лъэпкъ IуэхухэмкIэ ЦIыхубэ комиссариатым сашэри, япэщIыкIэ къудамэм и нэхъыщхьэу, иужькIэ коллегием жэуап зыхь и секретару сылэжьащ. Дзэ академием КъуэкIыпIэр джынымкIэ и къудамэм сыщIэтIысхьащ, илъэсым щIигъукIэ наркомнацым сызэрыщылажьэм хуэдэурэ седжащ, иужькIэ зэрыщыту еджэным зестащ. Академиер 1924 гъэм къэзухащ.
Сату IэнатIэр едгъэфIэкIуэныр къалэн къытщащIри, ныбжьэгъу гуэрхэм срагъусэу сагъэкIуауэ щытащ Къэрал кIуэцIым сату щыщIынымкIэ цIыхубэ комиссариатым. Абы 1931 гъэ пщIондэ сыщылэжьащ.
1931 гъэм си лъэIукIэ сыщIагъэтIысхьащ дунейпсо хозяйствэмрэ дунейпсо политикэмрэ я Профессурэ Плъыжьым и институтым. 1933 гъэм Альшеевск гъавэ совхозым и политотделым и унафэщIу, совхозыр нэхъ ин ящIа нэужь, Раевскэ гъавэ совхозым и политотделым и унафэщIу сылэжьащ. 1934 гъэм Башгъавэтрестым и политчастым и унафэщIу сагъэуващ.
Дзэ Хужьым къулыкъу щысщIакъым. Властым пэщIэувахэм сахэтакъым. Уеблэмэ сыт щыгъуи сапэщIэтащ партым иукъуэдия Iуэху еплъыкIэм темыхуэхэм.
Си унагъуэм и Iуэхур зытетыр мыращ. ЗэрыжысIам хуэдэу, си анэр 1916 гъэм дунейм ехыжащ, си адэр – 1918 гъэм и пэм. Къуэшищрэ шыпхъуиплIрэ сиIащ. Си къуэшхэмрэ си шыпхъухэмрэ сэрэ ди гъуэгур 1918 гъэм и кIэм зэблэкIащ. Дзэ Плъыжьым сыхыхьа нэужь, бгырыс хабзэхэм себакъуэри, сынэхъыщIэ дыдэми, си къуэшхэм япэ къэсшащ. Щхьэгъусэ схуэхъуари латыш лъэпкъым щыщ большевик цIыхубзт. Си къуэшхэм я зыр – Албэч – дохутырт, щIыфэ узым 1919 гъэм и пэщIэдзэм илIыкIащ. Си къуэш нэхъыжь дыдэ Мухьэмэд – присяжнэ повереннэу лэжьар – 1920 гъэм ди шыпхъухэм языхэзыр зыщIигъури Куржым кIуащ, Дзэ Плъыжьыр абы ихьэн и пэкIи къэралым икIащ. Си къуэш ещанэр – Екъуб, 1918 гъэ лъандэрэ сымылъэгъуар – си ныбжьэгъухэм зэрыжаIэмкIэ, Кисловодск сату IэнатIэм щылэжьащ, 1928 гъэм ягъэтIысащ. Иджыпсту и Iуэхур зытетыр сщIэркъым. Си шыпхъухэм языхэз балигъ мыхъупауэ дунейм ехыжащ. Адрей си шыпхъу – Хъаным – Ивановэ сыщыщыIэм къыскIэлъыкIуауэ щытащ, жыджэру лэжьащ, партым хагъэхьэри, партым и обкомым цIыхубз IуэхухэмкIэ и инструктору Владикавказ щылэжьащ. 1924 гъэм тифым илIыкIащ. Си шыпхъухэм я нэхъыщIэ Таужан и щхьэгъусэр гъущI гъуэгум пыщIа IуэхущIапIэм и дохутырщ, езыр медсестрауэ мэлажьэ.
Къэралым икIа си къуэшымрэ си шыпхъумрэ ятеухуауэ. Си шыпхъум 1925 гъэм къысхуитхащ си къуэшыр хьэлъэзехьэу Марсель щылажьэу. Езыхэр хуэмыщIауэ зэрыпсэур, дэIэпыкъуэгъу зэрыхуэныкъуэр жиIащ. Хэкум къэкIуэжыну тIэунейрэ селъэIуащ а зэманым си шыпхъум, сызыпIа си анэкъилъхур иджыри си гум иутIыпщыпатэкъыми. Си шыпхъур япэщIыкIэ арэзы хъуащ, итIанэ идэжакъым. Сэри абы лъандэрэ сыхуэтхэжыркъым, и Iуэху зыIутри сщIэркъым.
Си щхьэгъусэ ныбжьэгъу Булле М. О. – 1918 гъэм и мазаем щыщIэдзауэ партым хэтщ, цIыхубэ егъэджакIуэм ипхъущ. Партым и Башкир обкомым щэнхабзэмрэ егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщIщ.
1935 гъэм
щэкIуэгъуэм и 24-м
Абыкъу Б.»
Башкортостаным кърагъэха тхылъыр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, Абыкъу Батырбэч 1938 гъэм яукIащ. 1956 гъэм ар щыуагъэу къалъытэжащ.
Абыкъу Хьэмид и щIэблэр
АБЫКЪУХЭ я тхыдэр зэфIэувэжыным куэду сэбэп хуэхъуащ иджырей хъыбар зэIэпыхыкIэ Iэмалхэр. Ди газетым илъэс зыбжанэ и пэкIэ зи сурэт къытехуауэ щыта Абыкъу Лейлэ куэдым яцIыху щIэныгъэ лэжьакIуэхэм ящыщти, ИнтернеткIэ къэгъуэтыгъуафIэу къыщIэкIащ. Нэхъ гъунэгъуу зыкъыдигъэцIыхуну дыщелъэIум, гуапэу жэуап къыдитыжащ.
Абыкъу Лейлэ Азрэт и пхъур 1951 гъэм жэпуэгъуэм и 16-м къалъхуащ. ЩIыдагъэрэ газрэ къэгъуэ-тыным епха IэнатIэм и щIэныгъэ лэжьакIуэщ. 1972 гъэм Тыркумэным и политехническэ институтым щIыдагъэм елэжьынымкIэ и факультетыр; 1980 гъэм Тыркумэным геолого-къэлъыхъуэныгъэхэмкIэ и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым (ТНИГРИ) и аспирантурэр къиухащ. Мэзкуу дэт къэрал геолого-къэхутакIуэ Академием есэпымрэ бжыгъэр къызэрабж IэмэпсымэхэмкIэ и спецфакультетыр 1989 гъэм; щIыдагъэмрэ газымрэ елэжьыным щыхурагъаджэу Мэзкуу дэт къэрал университетыр 1993 гъэм къиухащ. А гъэ дыдэм щыщIэдзауэ геолого-минералогиемкIэ щIэныгъэхэм я докторщ.
ТНИГРИ-м щыщылажьэ зэманым геологием ехьэлIа Iуэхухэм ЭВМ-кIэ елэжьынымкIэ лабораторэ къызэригъэпэщри, езыр абы и унафэщIу щытащ. 1996 гъэм щегъэжьауэ Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием ЩIыдагъэмрэ газымрэ пыщIа Iуэхухэм (ИПНГ РАН) щIыдагъэ-газ гидрогеологиемкIэ и лабораторэм и унафэщIщ. Губкин И. М. и цIэр зезыхьэ Урысей къэрал университетым (РГУНиГ) углеводородхэм я къыщIэхыпIэр къэхутэнымкIэ и магистерскэ кафедрэм 2003 лъандэрэ и профессорщ, Росгидрогео зэгухьэныгъэм и унафэщI гупым, нэгъуэщI IэщIагъэ зэгухьэныгъэхэми хэтщ.
И тхыгъэу 100-м щIигъу УФ-ми хамэ къэралхэми къыщыдэкI журнал пэрытхэм къытехуащ, и къэхутэныгъэхэр езыр зыхэт щIэныгъэ къудамэм пыщIа дунейпсо зэхуэсхэм куэд дыдэрэ къыщагъэсэбэп.
Лейлэ къытхуитхар:
Пэжыр жысIэмэ, лъэпкъым и блэкIам теухуауэ сщIэр мащIэщ. ДыкъызыхэкIами ди адэр гъэру зэрыщытами унагъуэм дыщытепсэлъыхь хабзэтэкъым. Езыр-езыру зэрызэхэзгъэкIыжамкIэ, си адэ Азрэт Абыкъу Хьэмид и къуэщ, си анэшхуэр Щэрданхэ япхъут. Хьэмид – Мухьэмэд и къуэщ, ар Лэкъумэн и ади и ани къилъхуауэ и къуэшщ. СыщыцIыкIум зэхэсхауэ къызогубзыгъыж Лэкъумэн ипхъу Таужан, Нартсанэ дэсар, ди адэм и адэ къуэшым и пхъуу зэрыщытар. Ахэр Нартсанэ политикэм пыщIа щхьэусыгъуэкIэ къиIэпхъукIауэ щытащ.
ЩIыпIэщIэм тыншу дыхэзэгъащ жыпIэми, гугъу дыщехьащ жыпIэми, тIум щыгъуэми ущыуэнукъым. Зы лъэныкъуэкIэ, ди адэр комсомолым къыхадзыжри институтми къыщIадзыжауэ щытащ, къызыхэкIар зэрибзыщIам къыхэкIыу, иужькIэ псори къратыжащ. Ди адэ шыпхъум и лIыр ягъэтIысауэ щытащ Абыкъухэ япхъу зэрищхьэгъусэм щхьэкIэ. Ауэ, нэгъуэщI лъэныкъуэкIи уеплъмэ, Тыркумэн щIыналъэм ифI къыдэкIащ: ди адэ-анэм абы зыщаузэщIри, дэри абы дыкъыщалъхуащ. Дыкъэзылъхуахэм пщIэ яIэу, я хьэтыри къалъагъуу цIыхухэм яхэтащ.
Хамэ лъэпкъым щыщ хъун-мыхъун Iуэхум и гугъу пщIымэ, тыркумэн лъэпкъым дыхэшыпсыхьыпауэ жыпIэ хъунущ, ауэ сытым дежи хэгъэрейхэм дафIэхамэу, хамэхэм дафIэхэгъэрейуэ дыкъекIуэкIащ. Ардыдэр Мэзкууи къыщытщыщIащ – фэри фощIэ кавказщылъхухэр абы фIыщэу зэрыщамылъагъур.
Дыкъэзылъхуахэр Кавказым илъэсибл (ди анэр), илъэс пщыкIуз (ди адэр) хъухэу къиIэпхъукIауэ щытати, адыгэбзэм и Iуэхур тIасхъэт. Ар зыхъумэну хэтар ди анэмкIэ ди анэшхуэрат. Урысыбзэращ къэдгъэсэбэпыр. Адыгэ шхыныгъуэ гуэрхэр нобэми допщэфI. Хабзэхэм я гугъу пщIымэ, муслъымэн хабзэхэр нэхъ къыддокIуэкI, лъэпкъ хабзэм нэхърэ. Ди благъэхэм ящыщу Дымхэ япхъу ди анэм и лъэныкъуэ гуэрхэр тIыгъщ, ауэ а лъэпкъым пыщIа ди къуэпсым теухуауи шэч къытезмыхьэу сщIэр мащIэщ. Хэкум ис Абыкъухэмрэ дэрэ дызэрыщIэркъым. (Абыкъу Лейлэ и анэмкIэ и адэшхуэр Дым Iэдэм и къуэшщ. Хэкум щыщу ицIыхуу зи гугъу ищIыр Iэдэм къыщIэна щIэблэращ).
Ди адэ Абыкъу Азрэт Хьэмид и къуэр 1915 гъэм къалъхуащ, 1989 гъэм дунейм ехыжащ. Ашхабад муслъымэныкхъэм, Тажджэхэ япхъу си анэшхуэм, ХьэтIохъущокъуэхэ, адрей адыгэ ди благъэхэм япэгъунэгъуу, щыщIалъхьащ. Ди адэр «Каракумстрой»-м и унафэщIу щытахэм языхэзщ, «Тыркумэным щIыхь зиIэ и ухуакIуэ» цIэ лъапIэр къыфIащауэ щытащ.
Ди анэр – Абыкъу Ленэ Николай и пхъур – 1925 гъэм къалъхуащ, иджыпсту Ашхабад щопсэу. И лэжьыгъэкIэ Ашхабад и санитар дохутыр нэхъыщхьэу щытащ, Тыркумэным щIыхь зиIэ и дохутырщ. Ашхабад къалэм и депутатхэм я советым илъэс зыбжанэкIэ хахыурэ щылэжьащ.
Си шыпхъу Абыкъу ФатIимэ Азрэт и пхъур 1950 гъэм къалъхуащ, Ашхабад щопсэу. Иджыпсту лэжьэжыркъым, ауэ гъуазджэ щIэныгъэхэм я докторщ, профессорщ, Ашхабад консерваторием и проректору щытащ. Тыркумэным гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ, Тыркумэн Республикэм и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIым и къуэдзэу щытащ.
Къапщтэмэ, си шыпхъумрэ сэрэ ди Хэку дыдэр дымылъэгъуа пэлъытэщ, дыщыцIыкIум ди адэ-анэм я гъусэу санаторэхэм зэзэмызэ дызэрыкIуам и гугъу умыщIмэ. СССР-м и зэманми нобэрей Урысейми лъэпкъ, политикэ Iуэхухэр тыншхэм ящыщкъым. Си гуапэ мэхъу ди унагъуэр апхуэдэу къызэрыффIэIуэхур. Си адэ-анэри, си анэшхуэри, адрей ди адыгэ благъэхэу сыщыцIыкIум сцIыхуахэри цIыху угъурлыхэт, лэжьакIуэжьхэт. Абыхэм псоми Къэбэрдей щIыналъэр я псэм пащIырт, адыгэ уэрэдхэр жаIэурэ гъыжу щытахэщ. Къыхуейуэ пIэрэт абыхэм езы Къэбэрдейр? Тыншкъым а упщIэм жэуап ептыну.
Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, Лэкъумэнрэ Лейлэ и адэшхуэ Хьэмидрэ Абыкъу Мухьэмэд и къуипщIым ящыщ зэкъуэшитIщ. Мухьэмэд Лэкъумэн и къуэшу Лейлэ зэрыжиIэм шэч гуэр уегъэщI, ауэ зэкъуэшхэм ящыщу Мэтджэрий и цIэу ятхар Мухьэмэт-Джэрийуэ пIэрэ?.. 1917 гъэм накъыгъэм и 1-м Бгырыс лъэпкъхэм я съезд екIуэкIащ. Абы Псыжь Iуса адыгэхэмрэ къэрэшейхэмрэ къабгъэдэкIыу лIыкIуэу ягъэкIуахэм яхэтщ Абыкъу Мухьэмэд. Ар Хьэмид и адэу Лэкъумэн и къуэш дыдэмэ, ищхьэкIэ къедбжэкIа зэкъуэшипщIым языхэзщ. Армырамэ – зи къуэпс къытхуэмыгъуэта нэгъуэщI зыгуэрщ. КъищынэмыщIауэ, Абыкъу Батырбэч и тхыгъэми къыхощ Хэкум икIыжауэ Мухьэмэд зи цIэ къуэш зэриIэр. ГъэщIэгъуэнщ Абыкъухэ Мухьэмэд цIэр щыфIамыщ унагъуи лъэхъэни тхыдэр зи кIыхьагъым узэрыримыхьэлIэри.
Я къару емыблэжу совет властым хуэлэжьами, «пщыжь-уэркъыжьхэм» къазэрыхэкIамрэ мылъку зэрабгъэдэлъамрэ къызэрыраудэкIарауэ къыщIэкIынщ зи гугъу тщIы къуэпсым щыщхэм я щхьэр Хэкум щIрахар. Изыхыну хунэмысахэм къащыщIар «Фэеплъ тхылъхэм» къагъэлъагъуэ. Абыхэм я щапхъэу гу лъывэдгъэтэну дыхуейщ подпоручик Абыкъу Мухьэмэд и къуипщIым щыщу Исмэхьил къытехъукIахэм. Езы Исмэхьил теухуауэ тщIэр 1854 гъэм къызэралъхуамрэ Мурат и цIэу къуэ зэриIамрэщ.
Абыкъу Исмэхьил и щIэблэр
Абыкъу Мурат Исмэхьил и къуэр. 1885 гъэм Абыкъухьэблэ къыщалъхуащ. ТхэкIэ-еджэкIэ ищIэркъым, партым хэткъым, уэркъщ, губгъуэ лэжьакIуэщ. 1928 гъэм ягъэтIыса нэужь, зэрымыкъуаншэр зэхэкIри, мазищкIэ щысауэ къаутIыпщыжащ. 1931 гъэм аргуэру ягъэтIысри, илъэсищкIэ Урал Ищхъэрэм щыпсэуну ирашащ. Къигъэзэжа нэужь, 1934 гъэм Азие Курытым ирашащ. 1989 гъэм зэхэкIащ тралъхьахэр пцIыуэ зэрыщытар.
Абыкъу Заурбэч Мурат и къуэр. 1918 гъэм Абыкъухьэблэ къыщалъхуащ. Адыгэщ. Узбекистаным ирашащ, кулакхэм зэращыщым къыхэкIыу. 1992 гъэм фокIадэм и 30-м ар щыуагъэу къалъытэжащ.
Абыкъу Екъуб Мурат и къуэр. 1922 гъэм Дзэлыкъуэкъуажэ къыщалъхуащ, адыгэщ. Узбекистаным ирашащ, зэрыкулакым къыхэкIыу.
Абыкъу Анатолэ Мурат и къуэр. 1925 гъэм Дзэлыкъуэкъуажэ къыщалъхуащ, адыгэщ. Узбекистаным ирашащ. 1992 гъэм унафэр якъутэжащ.
Абыкъу Розэ Мурат и пхъур. 1930 гъэм Дзэлыкъуэкъуажэ къыщалъхуащ, адыгэщ. Узбекистаным яшащ кулак унагъуэм къызэрыхэкIам щхьэкIэ.
1992 гъэм фокIадэм и 30-м унафэр якъутэжащ.
Абыкъу Нурхьэба жеIэж:
– Илъэсищ и пэкIэ пщIантIэм сыпэщащэу сыдэту куэбжэм зыгуэр неуIури, къыIусхащ. Илъэс 80-м иту хуэбгъэфэщэну дадэ гуэр щытт. «Сэлам алейкум» щыжиIэм, «Уэ алейкум сэлам, тхьэмадэ, еблагъэ» жысIэри, и Iэблэр субыдри, унэм щIэсшащ. Iэнэм зыгуэр къытрагъэувэну зэрызагъэхьэзырыр щилъа-гъум, Iэнкуну къызэплъащ, зыгуэр жиIэну зэрыхуейр къапщIэу. Иужьым тегушхуэри: «Уэлэхьи, апхуэдэ унагъуэ щыIэж си мыгугъа», – жиIащ. Зи гугъу ищIым сыщыщIэупщIэм: «Бжэр зэрыIуахыу «Сыт узыхуейр?» къыбжаIэ», – жиIащ. «Махуищ дэкIмэ, дэри дыноупщIынкIи хъунщ, ауэ апщIондэху зыгуэру зыхуэдгъэшэчынщ», – жытIэри гушыIэкIэ уэршэрыр ежьащ. «Сэ сы-Абыкъущ», – жиIащ. Мурат жеIэри яхэтщ Дзэлыкъуэкъуажэ дашахэм, ар абы и адэращ, езым и цIэр Толэщ. «Си закъуэпцIий сыкъэнащ, лъэпкъыр абдеж щылIэри. Си щIалитIымрэ си хъыджэбзымрэ фIэкI си мыгъусэу сыкъэкIуэжащ. Си лъапсэ щагъэкIуэда щIыпIэм сымыкIуэжын, жысIэри, Псыхуабэ сыкъыщыувыIащ», – жиIащ. И псэлъэкIэкIи, и зыIыгъыкIэкIи, и дуней тетыкIэкIи лъы зэрыщIэтыр, зэрыгъэсар жыжьэу плъагъурт. «Мыбдеж узахуэкъым» жиIэнурэ нахуэу къыбжиIэнут. И щIалитIыр къэнауэ доцIыху.
Исмэхьил и къуэпсыр кIуэдыжыпакъым, ауэ фэеплъ тхылъым зэрыжиIэмкIэ, зэкъуэшипщIым языхэз Абыкъу Джэмал Мухьэмэд и къуэм и къуиплIым ящыщу укIкIэ зи судыр ямыщIар ХьэпащIэ и закъуэщ, абы и хъыджэбзхэри езыри хэкум ирашахэм хиубыдащ…
Абыкъу Алий Хьэсанэ и къуэр
ТХЫДЭ нэхъ гъунэгъум къэдгъэзэжмэ, иужьрей Абыкъу щIэблэр совет властым и ней зыщыхуахэм щIахэхуар Абыкъу Алий Хьэсанэ и къуэм и цIэм епхащ. А зэманым теухуауэ Нало Заур етх:
«Диным еныкъуэкъуным, молэхэм я щхьэр щIегъэхьэным, хьэтырышхуэ зиIэу, муслъымэн гупсысэкIэр цIыхухэм Iэзэу ябгъэдэзылъхьэфу щыта Мэшыкъуэ Хьэжбарэ, Абыкъу Алий, ДыщэкI НэIиб, Дым Iэдэм сымэ хуэдэ цIыхухэр гъэкIуэдыным лъэпкъ нэмысым и зыужьыныгъэм зэраныгъэу къыхуихьар къыпхуэмыIуэтэн хуэдизщ».
Абыкъу Алий Хьэсанэ и къуэр Къулъкъужын щыщт. Хьэсанэ Дзэлыкъуэкъуажэ къыдэкIащ, абы и адэ Безыт Абыкъухьэблэжьым (Первомайскэм) щыщщ. Бахъсэн къикI тхыгъэр къытхуезыгъэхьа Абыкъу Мухьэмэд Абдул и къуэр зи гугъу тщIы Абыкъу Алий и къуэрылъхущ. Дэфтэр гъущэхэм дымыIэбэу, хуэмыфащэу лей зытехьа а лIы губзыгъэр и Iыхьлым и псалъэкIэ фэдгъэцIыхунщ.
Абыкъу Мухьэмэд игу къегъэкIыж:
– Лъэпкъыр зэрагъэкIуэдам теухуауэ сэ сщIэр мащIэ дыдэщ, ауэ си адэшхуэм теухуауэ зыгуэрхэр ди анэшхуэм жиIэжу зэхэсхащ.
Алий къыщалъхуар Къулъкъужынщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым совет властыр щыщагъэувым щыгъуэ шэрихьэт полкым и командиру щытар Къатхъэн Назирщ, си адэшхуэр полкым и комиссару щытащ.
Къэбэрдейм революцэр къэмыс щIыкIэ Алий, Мэчэ кIуэри, хьэж ищIат. КъыщыкIуэжым щIалитI зэкъуэшитIу къыздришащ. А зэманым зыхуей хуэзауэ тедза КъурIэн тхылъ мыбы щыбгъуэтыртэкъым, щыдэпшеинури къыщепшэхынури пщIэуэ, къэзан шрифтым дамыгъэхэр нэгъэсауэ теттэкъым. Арати, си адэшхуэм Мэчэм КъурIэн къыздрихри, а щIалитIыр и гъусэу мазищым и кIуэцIкIэ ар къратхыкIащ. Иджыпстуи си нэгум щIэтщ, жинт фIыцIэ тебзауэ ди унагъуэм илъащ, ауэ къурIэнаджэ гуэрым яхьри дгъуэтыжакъым. Нобэр къыздэсым солъыхъуэри згъуэткъым ар. Нартан щыIэу къысфIощI. Е Балъкъэрхэ е ДыщэкIхэ я деж.
Арати, 1922 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым Совет властыр лъэ быдэкIэ щыуващ. Унафэр зыIэщIэлъыр Къалмыкъ БетIалт. Йоуэри Алий шэрихьэт судым и унафэщI ящI. Совет властыр ягъэува нэужь, полкыр зэбграутIыпщыкIыжат. Хэт мэжджытым кIуэри щIэтIысхьэжащ, хэт къуажэм дэтIысхьэжауэ гъавэ хесэ, Iэщ зрехуэ, сабийхэр епI. Ауэрэ хуэм цIыкIуурэ цIыхухэр къашэурэ си адэшхуэм ирагъэгъэтIысу щIадзащ. ИтIанэ игъэтIысахэм къыжраIэ: «Алий, уэрэ сэрэ зэгъусэу совет властым щхьэкIэ лъы дгъэжащ, щхьэ сэ сыбгъэтIысрэ? Уэри уефэндыщ, сэри сыефэндыщ?» КIуэри БетIал жриIащ: «Мыхэр сэ сэщхьу щIытIым илъащ, зэгъусэу Совет властыр дгъэуващ». «Уэлэхьи, ефэнды цIыкIу, уэ жумыIэн жыбоIэм», – къыжриIэри езыри игъэтIысащ.
ЗэманкIэ тутнакъэщым исауэ, Сыбыр ягъэкIуащ. Илъэсищ каторжнэ лэжьыгъэ къратати, иухри къэкIуэжащ. Абы щыгъуэ ищIа нэмэз щыгъэр унэм щIэлъщ. Ди гъунэгъу нанэ дунейм ехыжын и пэкIэ: «Мыр уи адэшхуэм сыщыхъыджэбздэсым къызитауэ щытащ», – жиIэри, си къуэ нэхъыщIэм къритыжащ. Сыбыр къикIыжа нэужь, муслъымэн диныр щиубыдыжым, зэрахуэу щIадзэри, аргуэру ягъэтIысыжащ – Соловки ягъэкIуащ. Ар Вологодскэ областым хуозэ, Балтие тенджызым хэту километрым щIегъу щIым зэрыпэжыжьэр. А хьэпсыр зэрыщыIэрэ Алий и закъуэщ къыщIэпхъуэжыфауэ жыхуаIэр. ЩIымахуэу къикIуэсыкIщ, есурэ псым къыхэсыкIыжри, Къэбэрдейм къэкIуэжащ. Мыбы къэкIуэжри, езым и телъхьэ гуп къызэхуишэсащ, лей къезыхахэм зэрамыгъэпсэунур ищIэрти. Къэрэшейм щыщIэдзауэ Къэбэрдейм нэс псори къыщышынэрт. 1930 гъэм Тырныауз деж щаукIауэ щытащ Мусукаев Ахъмэт, Этезов Мэжид сымэ. Ахэр Бахъсэн Ищхъэрэм цIыхухэм щепсэлъауэ къэкIуэжырти, Тырныауз деж къэсыжауэ Алий япэщIэувэри зэзэуахэщ. Езыр уIэгъэ хьэлъэу Герхожан деж къыщагъуэтыжри, тутнакъэщым ирадзэжащ. Тутнакъэщым щисым щыгъуэ нанэ мыгъуэр кIуат, сымаджэти щIагъэупщIэ къыщIэкIынти, илъэгъуауэ жиIэжырт. Къалмыкъ БетIал: «КъурIэным фытеуви фыщIэкI», – жиIэри цIыхуищым захуигъэзати, тIур апхуэдэу щIэкIащ. Алий Къалмыкъ БетIал и нэкIум щIэубжьытхащ абы щыгъуэ: «Уэ хьэбыршыбырым сэ КъурIэным сытебгъэувэнкъым», – жиIэри. Нанэ мыгъуэр «ефэндыт» дадэ зэреджэр, езыр «ЛафыщкIэ» къеджэрт. ЦIыхубзыр гъуэгыу здэщытым: «Лафыщ, уи жьэр гъэбэяу, сэ сщIэр сэ сощIэж, кIуэи быныр пIыж», – къыжриIащ. Иныкъуэхэм зэрыжаIэмкIэ, яукIащ, адрейхэм Царицын яшауэ къаIэщIэкIри, Тыркум щылIэжауэ жаIэ.
«Къалмыкъхэ я къуэжьыр мы ди псэм къощэ, Фонащэ мыхъукIэ зыдегъэгъэнщI», – зыхуегъазэ Лениным а зэманым ПащIэ Бэчмырзэ. Нобэрей нэкIэ узэплъэкIыжмэ, Абыкъу Алий Нэгумэ Шорэ зытетхыхьа Абыкъу Исхьэкъ ещхьу, лъэпкъ узэщIакIуэт, зыщIэбэнри захуагъэмрэ щIэныгъэмрэт. Ауэ цIыхум и пщIэр езыр щыпсэу лъэхъэнэм щызэхэкIыр зэзэмызэщ.
Абыкъухэ нобэ фIым щыгугъыу зызыужь адыгэ лъэпкъыжьхэм ящыщщ. ЕхъулIэныгъэр ямымащIэу ахэр гъащIэм жыджэру зэрыхэтым и щыхьэт куэд лъэпкъыр щыпсэу жылэхэми, республикэхэми, къэралхэми къоIукI. Ди тхыгъэр, къапщтэмэ, пэублэ псалъэу аращ: Iэмал имыIэу нэгъэсауэ зэфIэгъэу-вэжын хуейщ мы лъэпкъ щIэщыгъуэм и тхыдэр.
Абыкъу Алий Хьэсанэ и къуэр.
Шэрджэс тхакIуэ Абыкъу Хъалид Кушыку и къуэр (1900 – 1943 гъгъ.)
Абыкъу Азрэт Хьэмид и къуэ, Тыркумэным щIыхь зиIэ и ухуакIуэ. Ашхабад
ИскусствоведенэмкIэ доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик, Тыркумэн консерваторэм и проректору щыта Абыкъу ФатIимэ Азрэт и пхъур. Ашхабад къалэ
Геолог-минерал щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик Абыкъу Лейлэ Азрэт и пхъур. Москва къалэ
Армэм и генерал Абыкъу Ахъмэт-пэщэ. (1857 – 1923 гъгъ.) Истамбыл
Дагъыстэн Республикэм щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Абыкъу Алевдин.
Тай боксымкIэ 2010 гъэм и дунейпсо чемпион Абыкъу Къаплъэн. Дагъыстэн
Караджев Мурад, Абыкъу ФатIимэ и пхъурылъхур. Ашхабад, 2012 гъэ
Профессор БакIуу Хъанджэрийрэ абы и пхъурылъху Абыкъу Данэрэ. 2020 гъэ
Чэрим (Жэмыъуэ) Марьянэ.